-
1 макъ
1. звук/ Iэуэлъауэ.Даущ фий макъ.* Жыр джатитIым я удынхэр щыблэ макъыу къуршыжьхэм щоIу. Нарт. Куэд дэмыкIыу мотор макъ, гъущI зэрышх макъхэр гъунэгъу къэхъуащ. Къэб.2. голос/ Жьэм къыжьэдэIукI дэущ, Iэуэлъауэ.* - НэгъуэщI зыри жыпIэнукъэ? - Iэминат и макъыр кIэзызу зызэрызэтриIыгъэр хэпщIыкIыу, Хьэсэнбий иридзащ. Къу. С.Макъ жьгъыру звонкий, приятный голос. Хъыджэбз цIыкIу макъ жьгъыру.Макъ къызэпхыгъэIукIын издать звук.Макъ къызэпхыIукIын раздаваться, слышаться - о звуках.Макъ тхъунщIа хриплый голос.Макъым зегъэлъэщIын откашляться (букв. прочистить голос). Макъым зегъэIэтын повысить голос.* - СлIожь, сэ си закъуэу, къысщхьэщыжын симыIэу ара фи гугъэр! - нэхъри щIэгъэщхъуауэ зригъэIэтырт хъыджэбзым и макъым. Iуащхь.Макъым къимыкIыжын осипнуть.Макъым къызэрихькIэ во весь голос.* ЛIыжь къызбгъэдэсым си макъым къызэрихькIэ сопсалъэ. Хь. Хь.Макъыр икIын охрипнуть.Макъыр утIыпщын = макъым зегъэIэтын.Макъыр фIэкIуэдын потерять голос.макъ дэгу глухой согласный звук/ ЩIэжьыуэ зимыIэ макъ дэкIуашэ.П, Ф, Т-хэр макъ дэгухэщ.макъ дэкIуашэ согласный звук/ КъыщапсэлъкIэ хьэуар жьэ кIуэцIым зыгуэрым щыпэщIэуэу къэхъу макъ.макъ жьгъыжьгъ звонкий согласный звук/ КъыщапсэлъкIэ щIэжьыуэ зыщIэт макъ дэкIуашэ.макъ пкъынэпсхэр голосовые связки/ Макъ къагъэхъуу тэмакъ кIуэцIым и бгъуитIым иIэ щабэхэр.макъ цIу тонкий, писклявый голос/ Макъ псыгъуэ.Макъ цIу псыгъуэ дахэ. -
2 псчэуIун
(мэпсчэуIу) неперех. гл. 1. слегка покашлять ( обычно для очистки дыхательных путей)/ Тэмакъым зегъэлъэщIын папщIэ псчэн.* Бидолэ газетыр зэкIуэцIихщ, и макъым зригъэлъэщIу псчэуIури, къеджэу щIидзащ. Къу. Хь.2. кашлянуть ( для привлечения внимания)/ Гу зылъригъэтэну псчэн.* Мурадин а тIум {Щокъарэрэ Щэныбэрэ} чэзууэ еплъащ, гумызагъэ зэриIэри къигъэлъагъуэу мащIэуи псчэуIури зигъэсабырыжащ. Къ. Хь.